ДУНЕЙПСО АДЫГЭ КЪЭХУТЭНЫГЪЭ ЦЕНТР (ДАКЪЦ)

International Centre for Circassian Studies (ICCS)


HTML clipboard
АДЫГЭ ЩЭНХАБЗЭ (КУЛЬТУРЭ)


Circassian Culture

HTML clipboardHTML clipboard


Адыгэ щэнхабзэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр:


[The principal pillars of Circassian culture]

 

·    Адыгэ псалъэжьхэри псалъафэхэри. [Circassian proverbs and sayings].

·    Адыгэ хъуэхъухэри. [Circassian toasts and toast-making].

·   Пасэрей псысэхэри легедэхэри, псом япэ Нарт эпосым и псысэ гъэщIэгъуэнхэр. [Ancient tales and legends].

· Адыгэ пшыналъэхэмрэ пасэрей уэрэдхэмрэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэ музыкэр аращ. [Circassian music and musicology].

·       Адыгэ гъуазджэр – искусствэр аращ. [Circassian arts].

·       Адыгэ IуэрыIуатэхэр. [Circassian Oral Literature].

·       Адыгэ хабзэр. [Circassian customs and traditions].

·       Адыгэбзэр. [The Circassian language].

·  Адыгэ литературэр. [Circassian literature].

·       Адыгэхэм IэщIагъэу яIахэр. [Circassian manual and cottage skills].

·       Адыгэ къафэ. [Circassian dance].

·     НэгъуэщI къинэмыщIхэри. [And others]


Адыгэ щэнхабзэр бей дыдэщ, и щIыхьыр лъагэщ, езы щэнхабзэр, шэч лъэпкъ хэмылъу, щIы хъурейм щыIэ культурэ лъагэхэм ящыщщ. Ауэ, дэ ди жагъуэ зэрыхъущи, ди культурэ адрей лъэпкъхэм ядыгъэлъагъуэн Iэмалхэри щIыкIэкIэхэри тегъэпсыхьауэ тэрэзу зыгъэпэщэжауэ диIэкъым иджыри къэс. Уеблэмэ, дэ ди лъэпкъым хуэгъэза мыпхуэдэ Iэмалхэри хуэныкъуэщ. Дэ абыкIэ ди тхьэусыхэр куэдщ.

 

ЖыIэпхъэщ адыгэ щэнхабзэм дыщытепсэлъыхьым деж езы культурэ зылэжьа икIи зылэжь щIэныгъэлIхэмрэ къэхутакIуэхэмрэ яцIэхэр: Нэгумэ Шорэ, Хъанджэрий СулътIан, КIэрашэ Тембот, Шабан Кубэ, Бгъэжьнокъуэ Бэрэсбий, МафIэдз Сэрэбий, КъардэнгъущI Зырамыку, Бэрэгъун Владимир, Гъэсташэ Наталя, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Щоджэн Хьэзешэ, Мамбэт Хьэлим, Тут Заур – Къэбэрдейм и Культурэ Министр, Мыжей Михаил, нэгъуэщI Iэджэхэри. КъухьэпIэ щыпсэу щIэныгъэлIхэри Коларуссо Джонрэ [John Colarusso], Аудэ Николасрэ [Nicholas Awde], Хюуыт Джорджрэ [George Hewitt], Смиц Риксрэ [Reeks Smeets] сымэ ди культурэм фIыуэ хуэлэжьахэщ. Абыхэм щIыхьэшхуэ яхудощI, сыт щыгъуи ядыгъэлъэпIэн хуейщ. Адыгэ щэнхабзэмрэ фольклорымрэ ятехуауэ тхылъкIэрэ статьякIэрэ щитху нэблагъэ зэзыхуэхьэсащ, библиографиеу си тхылъым итынуи. Адыгэ щIэнхабзэмрэ адыгэ фольклорымрэ я лъэныкъуэ псори куууэ зыджыну хуей дэтхэнэ цIыхуми сэбэпышхуэ къыхуэзыхьынщ мо библиографиер.


HTML clipboard
 
Make a Free Website with Yola.